Адыгэ лъэпкъыжьхэм я Тхыдэ
Адыгэ лъэпкъыжьхэм я тхыдэ — мывэ лъэхъэнэм (илъэс мелуан 2.5-рэ ипэкӀэ щыщӀэдзауэ) къыщӀедзэри — гъущӀ лъэхъэнэм (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 8-нэ лӀэщӀыгъуэ) носыр.
Ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху Къауказым исащ. Къаукъаз дэтӀэсхьэныгъэ теухуа щӀэныгъэлӀэхэр зэдэгурыӀуэркъым. Я нэхъыбэу зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху Къаукъазым къызэрыхъуа, нэгъуэщӀхэм зэрыжаӀэ ипщэкӀэ зыкъикӀауэ цӀыхухэр Ищхъэрэ Еуропэм деж здэкӀуэнущ.
Мыбы и щӀыпӀэ къыщагъуэта мывэ Ӏэмэпсымэжьхэр къагъэлъэгъуэу цӀыхухэр ищӀагъ мывэ лъэхъэнэм (нижний Палеолит) — илъэс мелуан 2.5-рэ ипэкӀэ щыщӀэдзауэ илъэс мин 80-рэ нэсу — Къаукъазым къыхуэӀырт.
Мывэ Лъэхъэнэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къаукъазым и хъуреягъкӀэ иса цӀыхужьхэм щтаучым, базальтым къыхэщӀыкӀа Ӏэмэпсымэжьхэр къагъэнэӀуащ абыхэм я псэукӀэр. Ахэр щакӀуэ гуп мыинхэурэ (е хъушэурэ) псэуырт хуагъэфэщэщ нобэрей щӀэныгъэлӀэхэр. Бгы лъагэхэм зыщыпсэуар хывымрэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэмрэ яхьэжэбэжэщат. Нэхъ лъахъшэ джабэхэмрэ губгъуэхэмрэ зыщыпсэуар щыхьрэ шырэ ящэкӀуат. Уеблэмэ, апхуэдэ гупхэр бгъуэнщӀагъхэм хуэм-хуэмурэ щӀатӀысхьати я псэупӀэр ящӀащ.
ЦӀыхум и зыужьыныгъэм и лъэхъэнэ къыкӀэлъыкӀуэм – курытрэ ищхьэрэ мывэ лъэхъэнэм – щыӀа бгъуэнщӀагъ псэупӀэхэмрэ Ӏэмэпсымэхэмрэ Къаукъазым и щӀыпӀэ псори къыщагъуэтащ. ИкӀы нэхъ щӀагъуэ къэхутэныгъэхэр- псалъэм папщӀэ Лабэ и псыхъуэм деж- къагъэлъагъуэ а лӀэщӀыгъуэхэм Ӏуфэлъафэ ткӀийм ебэну цӀыхум Ӏуэхугъуэ ин къыщызэӀуихам – мафӀэр ищӀыф хъууэ, ар къигъэсэбэпу щыхуежьам – щӀыпӀэ щӀэнхабзэ зэкӀэлъыкӀуэу зэрызиужьыр.
ЦӀыхум и зыужьыныгъэм и къыкӀэлъыкӀуэ лъэхъэнэр – мывэ лӀэщӀыгъуэщӀэм, хуэкӀуэ зэманщ. А лъэхъэнэм Къаукъаз псом иӀа ижь дыд тхыдэм дежкӀэ мыхьэнэшхуэ иӀэщ Бахъсэн аузым 1955-1957 гъэхэм пасэрей цӀыхум и псэупӀэ къызэрыщагъуэтам. Абдеж Лашкута къуажэм деж къыщагъуэта мывэ Ӏэмэпсымэрэ Сосрыкъуэ и бгъуэнщӀагъым и лъащӀэ дыдэм къыщагъуэта матириалхэмрэ. Сосрыкъуэ и бгъуэнщӀагъыр къыщатӀым белджылы хъуащ ищхьэ мывэ лъэхъэнэм и кӀэм къыщыщӀэдзауэ абы мызы-мытӀэу цӀыху зэрыщыпсэуар. Мыбы културнэ къат ин щызэтелъхьа хъуащ, кхъуэщынхэкӀхэр щӀыным щыгъуэзэн ипэкӀэ, мывэ лӀэщӀыгъуэм и цӀыху гупым илъэс мини 10-12-м къриубыду къигъуэгукӀуар къигъэлъагъуэу. Щтауч шабзэпэм, къупщхьэм къыхэщӀыкӀа сэхэм, шабзэхэм, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм (щыхьым, мэзыкхъуэм, мэзбжэным) я къупщхьэхэм къагъэлъагъуэ бгъуэнщӀагъым щӀэсахэм я къыдэгъэхуэныгъэм щэкӀуэным мыхьэнэшхуэ щиӀэу зэрыщытар. А щыгъуэм апхуэдэуи пхъэщхьэмыщхьэ, нэщӀэпкӀэ къащыпу щытащ. Абы щыгъуэ цӀыхухэр матриархальнэ лӀакъуэ куейхэу, зэпымыууэ зэгъусэу лажьэу, лъыкӀэ зэпыщӀауэ щытащ.
Апхуэдэ мывэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхэщӀыкӀа Ӏэмэпсымэжьхэр къыщагъуэтауи Шэджэм ипщэ пэгъунэгъумрэ, Кенжэ псы Ӏуфэмрэ нэгъуэщӀхэмрэ.
Неолит кӀасэм и лъэхъэнэм цӀыхухэр Ищхъэрэ Къаукъазым и курыкупсэ щӀыпӀэ псом зэрыщыпсэуа щӀыкӀэр кърипщӀэ хъунущ ди лъэхъэнэм ипэкӀэ мин 4-3-м илъэс минхэм щыгъуэ къэнауэ НалщӀэч пэмыжыжьэу щыӀэ Агубековскэ жылагъуэ къыщагъуэта Ӏэмэпсымэхэр. Мыбы къыщыгъуэтащ мывэ джыдэ гъэджэфахэр, зэрытхъунщӀэ Ӏэмэпсымэхэр, сэхэр, токъумакъ угъуэнам и къутахуэ, убалъащхьэ зэмылӀэужьыгъуэхэр, нэгъуэщӀхэри. Мыбы апхуэдэуи къыщагъуэтащ япэу ящӀа, къуабэбжьабэу щыт ятӀагъуэ хьэкъущыкъу. ПсэупӀэм щыпсэуахэр щакӀуэу, ерыскъыпхъэ къэкӀыгъэхэр зэхуахьэсу щытауэ къыщӀэкӀынущ.
Домбеякъ Лъэхъэнэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Домбеяк пасэм и лъэхъэнэм Къаукъаз и цӀыхухэм социалу-къыдэгъэхуэныгъэ зыужьыныгъэшхуэ яӀащ. Гъуаплъэ-домбеякъ лӀэщӀыгъуэм и къэралыгъуэхэм ищхъэрэ Къаукъазым пасэу зэрызыщаужьар къыгуэхыпӀэ имыӀэу елъытауэ щытащ щӀыпӀэм щыӀэ лъэпкъэгъур ижь къэралыгъуэхэу дунейм и лъэпкъхэм япыщӀауэ зэрыщытам. А къэралыгъуэхэм гъуэзэджэу заужьыным апхуэдэуи сэбэп хуэхъуащ металл цӀуугъэнэхэр куэду зыщӀэлъ щӀыпӀэхэр езы Къаукъазым пасэу къыщахутэу къагъэсэбэпу зэрыщӀадзар.
Мыекъуапэ Къэралыгъуэ (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ 3500-1200)
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1897 гъэ, урыс археолог Николай Веселовскиэ зы кхъэжьыр Мыекъуапэ и гъунэгъум къыщихутащ. Мыбы зы лӀыщхьэмрэ и фызхэмрэ я хьэдэкъупщхьэхэр щӀалъырт. Ӏэмэпсымэ гъэщӀэгъуэнхэр къыщыдагъуэтащ хьэдэкъупщхьэхэм я лъэныкъуэ, псалъэм папщӀэ дыщэ лентӀхэр, тхьэпэхэр, дыщэ тхьэгъухэр, быжхэр, гъуэплъ шыуанхэр, нэгъуэщӀхэри. А Ӏэмэпсымэхэр домбеякъ жьыуэ лъэхъэнэм (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ илъэси 3500) щащӀат.
Мыекъуапэ къэрэлыгъуэ фӀащащ, ар Псыжь лъэгу хъугъащ, Темэн хы тӀыгуныкъуэ нобэрей Мышгычейм нэсу, и фэеплъыу пщӀы зыбжанэ ищхъэрэ Къаукъазым къыщагъуэтыкӀащ.
Археологхэ я къэхутэныгъэхэр къагъэлъагъуэу а къэралыгъуэм и къытехъукӀыныгъэрэ и зыужьыныгъэрэ защӀащ уней цӀыху гупхэр, Мысопотамин къэралыгъуэхэм пащӀащ. Мыекъуапэ къэрылыгъуэ дэсхэр иджырей бгырыс къуажэхэм нэхърэ мынэхъ ин пасэрей къуажэ цӀыкӀуурэ псэуащ, я нэхъыбэу зэлэжьар щӀымрэ Ӏэщ гъэхъунымрэщ. ЩӀым цӀыхубзхэр елэжьырт мывэм, бжьакъуэм къыхэщӀыкӀа фӀанэхэмкӀэ.
ИкӀы, фӀыуэ зиужьауэ щытащ кхъуэщын щӀыным. АрщхьэкӀэ, япэми хуэдэу, ар щӀагъуэу ягъэжьэфыртэкъым. Ауэ хьэкъущыкъу ящӀын папщӀэ хъурейуэ щыт кхъуэщын къызэрыгуэкӀ къыщагъэсэбэп щыӀэт. ФӀыуэ хуэӀэкӀуэлъакӀуэ хъуауэ щытащ мывэм елэжьыным.
Ауэ ехъулӀэныгъэ нэхъ ин дыдэт гъущӀым зэрелэжьыр. Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ илъэс 1300 и кӀэм ищхъэрэ Кавказым миталлхэм и гъэкӀуэщӀыныгъэр щыӀэу щытащ. ЯтӀэгъуэ хьэкъущыкъуми, гъуаплъэм къыхэщӀыкӀахэми ятет дамыгъэхэр зэрызэщхьыркъабзэм шэч къытумыхьэжыну къагъэлъагъуэ ахэр щӀыпӀэм зэрыщащӀар. Ар мывэм къыпыкӀыу металлым щызрата лъэхъэнэкъым, атӀэ домбеякъым и лъэхъэнэ пасэщ. Ӏэмэпсымэ зэрагъэхьэзырым гугъуу зыри хэлъкъым. Джыдэхэр, фӀанэхэр шэху къупхъэкӀэ ящӀа ятӀагъуэ формхэм ярылъу ягъэжырт. Ӏэмэпсымэ пащӀэхэр – бдзыхэр, сэхэр, къамэхэр – ягъэжа нэужь аргуэру щӀауӀукӀыжырт.
Мыекъуапэ къэрэлыгъуэм Псыжь Ӏусхэр щӀэкъузащ, псалъэм папщӀэ: Пыт къэралыгъуэрэ (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ минищ) Катакомбы къэралыгъуэрэ (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ минитӀ).
Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ минитӀ хуэдизкӀэ, Мыекъуапэ къэралыгъуэ зыужьынышхуэ иӀати, Ипщэ Къаукъазымрэ ищхъэрэ Хы ФӀыцӀэмрэ къэралыгъуэхэр сату хуищӀауэ щытащ. Абы къагъэнэхуащ Псыжь лъахэм къыщагъуэта Ӏэмэпсымэхэр. Мыекъуапэ – дэсхэр зэпэплӀимэ кхъэшхуэ яӀыгъащ.
Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ епщӀыкӀутӀанэ лӀэщӀыгъуэкӀэм Великое переселение народов (Volkerwanderung) – Хы цӀыхухэр – зыбжьанэ Къаукъаз исхэм задэхэтти, Хы Хужь нэсауэ Мысырым зыгъэдэлъар, езыхэр Мыекъуапэ къэралыгъуэм ятекӀуари ягъэунэхъуащ.
Миекъуапэрэ Псэунэрэ цӀыхухэм Адыгэ адэжьхэм я купщӀэр зэрыщытауэ хуагъэфэщащ.
Псэунэ ЦӀыхухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къэлэгъунэхэр ищхъэрэ-къухьэпӀэ Къаукъаз нэхъ гъэщӀэгъуэн псэунэ щытщ, Археологхэр долменкӀэ зэджэ, арщхьэкӀэ Долмен цӀыхухэр фӀащащ. Долмен КылтыкыбзэкӀэ къикӀыр мывэ-Ӏэнэ (дол-Ӏанэ; мен-мывэ). Ӏэнапэ къыщыщӀэдзауэ Апхъазым нэс бгыщхьэхэм псэунэхэр теувэщ, уеблэмэ Кърымрэ нэгъуэщӀ Къаукъаз щӀыпӀэхэр къегъуэтри, апхуэдэ минитӀрэ щитхурэ къыщызэтенащ Къаукъазым и дыгъэмыхъуэм. Псэунэхэм ныбжьышхуэ яӀэщ - илъэс миниплӀым нэблагъэ. Псэунэ лъэпкъ Мыекъуапэ къэралыгъуэ и гъунэгъуу щытащ.
ДэнэкӀэ псэунэ-долменхэр къадэкӀауэ нобэ ящӀэжкъым. Зы гипотезэ жыхуиӀэ псэунэхэр Къаукъаз къухьэпӀэм дэтӀысхьащ. Япэ щӀыкӀэм ахэрэ Мыекъуапэ-дэсхэрэ Ӏэсэу зэдэщыпсэуати, ауэ тӀэкӀу-тӀэкӀурэ Мыекъуапэ-дэсхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ ягъэкӀуэтырт. Къаукъаз лъэпкъхэм ди лъэхъэнэм ипэкӀэ минитӀ хуэдизкӀэ псэунэхэр хагъэшыпсыхьыжащ, арщхьэкӀэ цӀыху Ӏэпхъуэныгъэшхуэ щыхьэтлыкъыгъэ Къаукъаз щыӀэркъым. НэгъуэщӀ гипотезэ жыхуиӀэ псэунэхэр Къаукъаз щӀыпӀэ къыщащӀащ.
Псэунэ лӀэужьыгъуэ зыбжанэ къэсащ ди зэманым. Нэхъыбэрэ мывэ пхъэбгъухэм къыхэщӀыкӀа псэунэхэщ: мывэ пхъэбгъуиплӀ зэупсеярэ зы мывэ пхъэбгъу тегъэлъэдэжауэ. А мывэхэр тон зыбжьанэ и хьэлъагъэщ. Археологхэр къызэрафӀэщӀымкӀэ абыхэм гъэпщкӀупӀэ щытащ, итӀанэ кхъэхэр.
Псэунэхэм, псалъэм папщӀэ, убыххэм я лъахэм къинахэм, я щӀыфэм тхыпхъэщӀыпхъэ, сурэт гъэщӀэгъуэнхэр къытенащ. ЛӀыщхьэхэмрэ фызыщхьэхэмрэ я хьэдэкъупщхьэхэр щыгъуэтащ, абыхэм ижьырабгъумкӀэ къуаншэу щылъырт. Хьэпшып куэд а кхъэхэм щыгъуэтащ: дыщэрэ дыжынрэ гъуаплъэрэ домбеякърэ хьэкъушыкъухэри Ӏэмэпсымэхэри Ӏэщэхэри. Ахэр тхыдэмрэ артрэ куэду щӀагъуэщ. Абыхэм я зыбжьанэр Адыгеймрэ Урысеймрэ я музеихэр къагъэлъагъуэщ.
Хьэтхэрэ Хьетхэрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэт къэралыгъуэ Анэдолейм щыӀащ, и бзэр — хьэтыбзэ — нэхъ ижь абдежым щыпсэлъащ. Щыхьэтлыкъыгъэхэр къагъэлъагъу хьэтыбзэр мы-индо-еуропеибзэщ, уеблэмэ ар абазэ-адыгэбзэхэр я гъунэгъупэщ. И бзэр щӀымытхауэ илъэс миниплӀ лъандэрэ хэкӀуэдэгъащ, Хьэтхэ я щыпсэукӀэр нэгъуэщӀ лъэпкъхэм тетхыхьауэ щхьэпэу къэхъуащ.
Хьэтхэм Анэдолейм япэрей лъэпкъ щащӀэтӀысхьа хэтащ, домбеякъ жыуэ лъэхъэнэм лъандэрэ (илъэс 2500 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ хуэдизкӀэ). Анэдолей и купсырэ и ипщэ-къухьэпӀэрэ щӀыхэр щӀатӀысхьари и къэралыгъуэр лӀэщӀыгъуитху щӀигъу къэнащ. Нэхъ цӀэрыӀуэ къалэхэм хэту Хьэтуса, Махьмэтлар, Хьорозтэпэ, икӀы Аласахьоик.
И щӀыналъэр тэрэзу ямыщӀэу археологхэр, ауэ ижь-ижьыж асирийцхэм я пащтыхь Нарамсин илъэс миниплӀым щӀигъукӀэ узэӀэбэкӀыжмэ мывэ тхылъым тригъэтхауэ щытам и гугъу щещӀыр илъэс мин ипэкӀэ Ищхъэрэ Месопотамием Уэр Хьэту дзэпщыр я пашэу хьэт лъэпкъыр къызэрыкӀуар. А тхылъым зэритымкӀэ Хьэт лъэпкъыр къикӀауэ щытащ Ищхъэрэ Къаукъазым. Уэр Хьэту и лъэпкъэгъу хьэтуукъуэхэр и гъусэу Фурэ (Евфрат) псы Ӏуфэм къыщохутэ. Ахэм яухуэ къалэхэу Къаргъэмыщ (Каргамыш), ТхьэпсэкӀ (Тхапсек). ИужькӀэ яубыдыр къалэ-къэрал Акад. Мы тхыгъэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэр Хьэт Къэралыгъуэр ину, Ищхъэрэ Къаукъазри хиубыдэу зэрыщытам, Хы МыутӀэ нэскӀэ.
Хьэтхэр тхьэ куэдхэр ящӀащ. Абыхэм я нэхъ цӀэрыӀуэ Тхьэ куэду сынхэр къегъуэтауэ Тыркуей Музейхэр къагъэлъагъуэщ. Абыхэм Боран тхьэ, ЩӀэгъэкъуэ тхьэ, Зауэ тхьэ сымэхэ яӀащ. Я къэралыр пащтыхьыгъуэрэ пщыгъуэрэ цӀыкӀухэр зыгъэпэщауэ, фӀэщхъуэныгъэ хабзэхэм тепщат.
ЗэрызкӀэ Хьетхэр пэлъэщауи, къэрал дэсхэм я нэхъыбэу хьэтхэр къэнащ. ИкӀэм, илъэсхэр 2000 – 1700 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ Хьэт къэралыгъуэр зэфӀэтащ, абы Хьет лъэпкъхэр къахьащ. Хьэт къэралыгъуэм къыкӀэлъыкӀуэ Хьетхэр щӀэкъузат, я хабзи, я дини, я Ӏуэху зехьэкӀи зытращӀыкӀыжар хьэтхэращ. Индо-еуропеибзэ зыпсэлъауэ Хьетхэр, хьэтхэм зэразэлъэпкъэгъукъым, зэразэблагъэкъым. Ауэ «Хьэт хэку»-кӀэ зэфӀащэгъауэ, Хьетхэри и хэкум къыщыхъуам абыкӀэ зэреджэу къэнащ. Зыкъом дэкӀа нэужь, Хьэтхэр хагъэшыпсыхьауэ е я пӀэхэр дэтӀысхьауэ Хьетхэращ.
Хьет къэралыгъуэр ди дъэхъэнэм ипэкӀэ 1750-1180 гъэхэр щекӀуэкӀащ. А щыгъуэм абы зэужьынэшхуэ иӀат, я къэралыр Анэдолей нэхъыбапӀэмрэ Шамымрэ Ханаанымрэ я щӀыналъэхэм зраубгъуащ. Абы къыхэкӀкӀэ, ди лъэхъэнэм ипэкӀэ 1300 гъэм, ахэр Мысырым и щӀыналъэхэм я пэгъунэу къыпауващи, Къадыщ зауэм ди лъэхъэнэм ипэкӀэ 1274 гъэм щрикӀуэкӀащ.
Археологхэм къатӀэщӀыж ныбжьышхуэ зиӀэ кхъэлэгъунэхэр, ахэм къыщӀах Ӏэмэпсымэхэр, Ӏэщэ-фащэхэр, хьэкъущыкъухэр, хьэдэ щӀэлъхьэкӀэхэр, къэна Хьэтыбзэ пычыгъуэхэр нэгъуэщӀхэри белджылэу къэзыгъэлъагъуэр адыгэхэмрэ абазэхэмрэ хьэтхэм зэрагъунэгъу дыдэщ.
Зы хуэгъэфэщэныгъэ жиӀэр Хьэтхэр Анэдолей щӀыпӀэм къыщыхъуати яхэтауэ зы лӀакъуэ гуэр Къаукъазым къикӀауэ, КазкикӀэ зэреджащ. Зауэ лӀакъуэ загуэтахэр, ахэр Хьэтхэм и ищхъэрэмкӀэ щыпсэуащ. Зы щӀэувэр жиӀэ ахэр Къаукъазым къащӀэкӀари илъэси 3800 пэкӀэ Азиэ ЦӀыкӀу ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэм щӀатӀысхьэрт. Ахэр Казки къалэ лъэщыр яухуэгъащ. А къарууфӀэ зауэлӀэхэр Хьет къэралыгъуэ кӀэухым нэс и къурмакъейм телъащ. Кащкэ, зы Казки Ӏыхьэр, адыгэ я лъэпкъыжьхэр щӀэува къызэрыфӀощӀырт, икӀы абази я адэжьхэр нэгъуэщӀ Ӏыхьэр, Абщылэ и цӀэрщ. Абы пэж щытмэ, адыгэрэ абазэрэ абы лъандэрэ мызэлъэпкъыгъуэ уват.
НэгъущӀхэм зэрыгупсысымкӀэ пасэрей ищхъэрэ-къухьэпӀэ Къаукъаз лъэпкъхэм, Хьэтхэрэ Казкихэрэ, зыблагъэ лъэпкъхэм я къуэкӀыпӀэ къудамэр зэрагъэпэщащ. А лъэпкъхэр ипщэ Еуропэм щыщӀэдзэ Атлантик океаным нэс щыпсэуащ. Абы кӀэщӀу баскухэрэ иберияхэрэ этрускхэрэ сымэ защыщащ. Ауэ а лъэпкъхэр къызэтракъутащ индо-еуропей лъэпкъхэм.
ГъущӀ Лъэхъэнэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 8-нэ лӀэщӀыгъуэм КъуэкӀыпӀэ Еуропэм икӀы Ищхьэрэ Къаукъазым гъущӀ лъэхъэнэ и къежьапӀэщ. Пасэрей Мэуэтей къэралыгъуэм зыбжьанэ гъуэтыныгъуэхэр кӀэрылъхьащ, абы ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 8-7 нэ лӀэщӀыгъуэхэм я зэхуаку щытащ. Къобан къэралыгъуэ ипэкӀэ пасэрей адыгэ Мэуэтхэр къэралыгъуэ кӀэрылъхьащ. Ахэр ищхъэрэ-къухьэпӀэ Къаукъазымрэ ищхъэрэ Хы ФӀыцӀэм щыпсэуащ. Я къэралыгъуэр илъэс 1200-рэ къэнащ. Абыхэм нэгъуэщӀ ипщэ-къуэкӀыпӀэ еуропэ лъэпкъхэр гъунэгъугъэ иӀащ, икӀы алыдж я жылагъуэхэр хуэзанщӀащ, а жылагъуэхэр ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 7-6-нэ лӀэщӀыгъуэхэм Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэм Ӏуагъэуващи, илъэс мин бжьыгъэкӀэ къэнащ. Алыдж Къаукъаз теухуа тхыгъуэхэм я нэхъыбэхэр а лъэхъэнэм щытхащ.
Мэуэтхэр (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 8-нэ лӀэщӀыгъуэ ди лъэхъэнэм е 8-нэ лӀэщӀыгъуэ)
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 8-нэ – е 7-нэ лӀэщӀыгъуэхэм, ищхъэрэ-къухьэпӀэ Къаукъазым къэралыгъуэщӀу зиубгъуащ. Ащыгъуэм мыбы ис адыгэ лӀакъуэхэм мэуэткӀэ еджэу щӀадзащ. Мэуэтхэм я хэкур ищхъэрэмкӀэ Тэн псышхуэ къыщӀидзэт, Хы МыутӀэрэ Хы ФӀыцӀэрэ ӀуфэхэмкӀэ иридэкӀуейти, абазгэм я щӀыгум еулӀэт. ИпщэмкӀэ Къаукъаз мылылъэ къуршыжьхэм еулӀэт, къуэкӀыпӀэмкӀэ Ставропол плато жыхуиӀэм нэблагъэт.
А къэралыгъуэм хуабжэу щытащ адыгэ лӀакъуэхэу: тариетхэр, досххэр, дандарийхэр, синдхэр, псесхэр, керкетхэр, ахейхэр, нэгъуэщӀхэр. ЛӀакъуэ къэс езым и щӀыгу гъэнэхуа иӀэжт, щхьэж езым и пщым и унафэми щӀэтыжт.
Пасэрей тхакӀуэхэмрэ хэкумэтххэмрэ ди лъэхъэнэм ипэкӀэ еханэ лӀэщӀыгъуэм лъандэрэ Мэуэтхэм тетхыхьащ, ахэм я щыщу нэхъ гъэщӀэгъуэну ди лъэхъэнэм ипэкӀэ япэ лӀэщӀыгъуэм псэуа хэкумэтх цӀэрыӀуэ Страбон. Археологхэм къатӀэщӀа къалэжьхэм къагъэлъэгъуащ икӀы щыхьэт тохъуэр зэпымыууэ илъэс миным нэскӀэ мэуэт щӀэнхабзэм зиужьурэ зэрыкӀуам.
Ащыгъуэм, Мэуэтхэмрэ Алыджхэмрэ я захуэку сату гъуэгухэр загъэпэщащ сату зыщӀэхэм. Алыджхэм санэри дагъэри хьэкъущыкъухэри Ӏэмэпсымэ хьэкӀэпычхэри Къаукъазым кърихьат. Къаукъаз исхэм, зи къыдгъэхуэныгъэм хадэхэкӀхэри къэкӀыгъэхэри щӀэӀэтар, алыджхэм хьэцэпэцэхэри лыри бацэри псэущхьэфэри икӀы пщылӀхэри пагъэкӀуэжат.
ИкӀы ахэр нэгъуэщӀ къажэр лъэпкъухэм гъунэгъугъэ хуаӀащ, псалъэм папщӀэ ищхъэрэ Хы ФӀыцӀэ щӀэтӀысхьа Кимерийхэрэ Скифхэрэ, икӀы Тэнрэ Индылрэ я зэхуаку щыпсэуа Щэрмэтхэр. Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 8-нэ лӀэщӀыгъуэм я гъунэгъугъэ Ӏэщэхэмрэ шуу Ӏэмэпсымэхэмрэ я гухьэныгъэ щыхьэтлыкъыр къаувэщ.
Ауэ Мэуэтхэм нэхъ пыщӀэныгъэ куу даӀащ Боспор алыдж къэралыгъуэм. Керч хы дэкӀыпӀэм и Кърым лъэныкъуэмкӀи, мэуэтхэм я щӀыналъэ Темэн хытӀууащӀэмкӀи ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 6-нэ лӀыщӀыгъуэм щыщӀэдзауэ алыджхэр гуп-гупурэ къитӀысхьэн ирагъажьэр. Кърым дэс Алыдж къалэхэр зэгухьэри, ди лъэхъэнэм ипэкӀэ 480 гъэхэм къагъэхъуауэ щытащ БоспоркӀэ зэджэ къэрал зэгухьэныгъэр. Абы Боспор пащтыхьыгъуэкӀи еджэу тхыдэм хэтщ.
А зэманым Боспор къэрал унафэщӀхэр щӀэкъут щэрмэтхэм, мэуэтхэм, скифхэм зэхущытыкӀэ тэрэз хуаӀэну икӀи ар зэрагъэпэжынум пылът. Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ 438 гъэм Боспорым пащтыхьыгъуэр Спартокидхэм яубыдри е 2-нэ лӀыщӀыгъуэм нэгъу¬нэ яӀыгъащ. Ахэм я пащтыхьыгъуэм Боспор къэралыгъуэм зрагъэубгъун щӀадзэ икӀи нэхъыбэу апхуэдэ политикэ ирагъэкӀуэкӀыр къуэкӀыпӀэ, къухьэпӀэ лъэныкъуэхэмкӀэ щыпсэу лъэпкъхэм ятехьэлъэт. Апхуэдэ политикэр къадэхъури а лъэныкъуэхэмкӀэ Боспор къэралыгъуэм зиубгъуфат, абы къыхэкӀкӀэ ди лъэхъэнэм ипэкӀэ е 4-нэ лӀыщӀыгъуэм икӀэм нэс мэуэт лӀакъуэхэу дандариехэр, псесхэр, фатейхэр, досххэр Боспор пащтыхьыгъуэм и жьауэм щӀохуэ.
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Къумыкъу Т., КъБР АССР-м ЩӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институт (1975) Къэьэрдей-Балъкъэр АССР-м и тхыдэ, НалщӀэч: Элбрус
- Jaimoukha A. (2001) The Circassians: the handbook, England: Curzon
- Адыгэ Псалъэ, 2008гъэм накъыгъэм и21 (№95-96 къыдэкӀыгъуэ)